Мусэ и псынашхьэр
–Умыпlэщlэж, Мусэ и псынашхьэр жыжьэжкъым. Абы дынэсмэ, зыдгьэпсэхужьнщ.
СиIу къэплъам псы щIыIэ Iубыгъуэ тескIэну; сэ си фIэщ хъужыръым, абы къыхэкIыун къарур зэзгъэзэхуэн папщIэ гъусэр псэлъэгъу схуэщIыжыщэркъым. Ауэрэ къуэр зэпыдоупщIри лъэс лъагъуэмкIэ гъуей цIырхъым дыщIохьэ. Ауэ мыбдежыр нэхъ уэмыжщ. УетIысэхамэ, аргъуейр къожэ, утэджамэ, дыгъэм уелыгъуэ. Сытми уэхым дыщихьэм, сэ къумым итым ещхь жыг хадэ цыкIу къэслъэгъуащ. Зэгуэр абы и хъуреягъым ита мэзыр зэрагъэкъабзэрэ зэманыфI зэрыдэкIар IупщIт. Ауэ жыг хадэ цIыкIур щытт, щыму, фыкъеблагъэ, жиIэ щIыкIэу, и къудамэхэмкIэ къытхуищIу. Дэ псынщIэу абыкIэ дунэтIащ. Сэрэшым дихьэри занщIэу псыхьэлыгъуэ цIыкIум дыIууащ.
– Мис Мусэ и псынащхьэри, – жиIащ си гъусэм: Ар мы щIыпIэм щыщт. Дэ псы щIымылым дефащ, зыдгъэщIыIэтыIэри жыг щIагъым дыщIэтIысхьащ. Сэ гу лъыстащ мыбдежым гъуэгущхьиплI зэрыщызэхэкIым, жыгхэр екIуу зэрыухъуэнщIам, псынащхьэр зэрыкъабзэм. ДетIысэхаи демытIысэхаи жыпIэну, нэгъуэщI зы лIыжь гуэри къыIухьэри дзэху крушкIэ цIыкIур псынэм хищIащ, дыжьыныпсым ещхь ткIуэпсхэр и гуфIакIэм дэлъадэу игъэщIейри, и пащIэр IэбгъукIэ ирилъэщIэкIыу ди дежкIэ къиунэтIащ.
– Гъуэгужь апщий!
– Жьыщхьэ махуэ ухъу! – дыкъэтэджащ.
Тхьэмадэм и Iэблэм фIэдза чэтэн плащыр иубгъури тетIысхьащ икIи къыздикI-дыздэкIуэмкIэ къыдэупщIри пыгуфIыкIащ:
– Дэнэ кIуэри къикIри Мусэ и псынащхьэм щызэIуощIэ. Си къару зарыгъуэтыжати, сэ мурад сщIащ ар Мусэ щIипсынащхьэм сыщIэупщIэну. Ауэ сыхунэсакъым... Жыг IэплIакIуэм зыкIэригъащIэщ, тутын хьэмгъуокъур щIигъанэри, заманым пхыплъ щIыкIэу, лIыжьым и нэхэр щIиукъуэнцIащ.
...А цIыхур дунейм зэрехыжрэ куэд щIащи, и уни лъапси хэкIуэдэжащ. Абы, и сурэтыр зыщIэжи нобэ бгъуэтыжынукъым. Ауэ яIуэтэж мы къуажэм лIыжь гуэр дэсауэ МусэкIэ еджэу. Ар хьэлэболэ гуэрт: – дунейм къыфIэIуэху щыIэтэкъым. Зы унэ иIэти щIыбышэт, и Iуэм зы Iэщи иттэкъым, и гъавэ щIапIэр зэщIэкIэжат. Ауэ и жыг хадэшхуэм хуэдэ къедза жылагъуэхэми щыгъуэтыгъуейт. Нэхъ гъэщIэгъуэныжырти, ар къэхухьатэкъым – хуейр ихьэрт, хуейр икIыжырт, ауэ зы цIыху едыгъуэртэкъым, Iэщ щхьэрыутIыпщ щихьэри зэзэмызэххэт. Абы щыгъуэми гъунэгъухэм кърахужырт, езыр дэмысмэ.
ЦIыху куэд абы щIэнакIэрт. Ар щхьэкIэ фIыуэ зылъагъур нэхъыбэт.
ЦIыхухэм сыт къыхужамыIэми, Мусэ иIэт игури и псэри дэзыхьэх Iуэху. Ар жыг гъэкIынырт. Махуэ псом ар шыгъуэгум итт псы щIигъэлъадэу, лъабжьэхэр игъэщабэу жыг дидзу. Хьэблэм сабий къыдалъхуэху, гъунэгъум и шыгъуэгум абы зы жыг щыхисэрт.
Ар цIыхум яхыхьэртэкъым. Абы къыхэкIыуи Iэджи къыхужаIэрт, делэу зыгъэIуи щыIэт. Махуэ гуэрым къуажэ тетым ар ириджащ икIи къетхьэкъуащ. «Сыт щхьэкIэ?» – мэжджытым зэремыкIуалIэрт.
Ауэ жылам удэсу цIыхум уахэмыхьэххэу упсэуфын? Пщыхьэщхьэ гуэрым лIыжьхэр къегиящ:
– Уа, Мусэ, уи хьэдрыхэ кIуэгъуэщ, мэжджытым укIуэн хуейщ, тхьэ дыгъэIэ, улIэм ущIамылъхьэжым пхуэфащэмэ. – ЛIауэ щIамылъхьэжа иджыри къэс ар ирихьэлIатэкъым, ауэ, «тIэкIу сытеунщ» жыхуиIэу, етIуанэ махуэм жумэти кIуащ. Андез ящтэу псы Iуфэм Iус лIыжь гупым яхыхьэри сэлам ярихащ. Шэджагъуэ щIыгъуэ хъуатэкъыми, я зэш трагъэун мурадкIэ, лIыжь хьэлэболэм къыдэуэршэру щIадзащ.
Сыт бгъахъэхэр, Муса, махуэ псом уи жыгым уахэт? – кьеупщIащ абы ауаныщI гуэр, адрейхэм нащхьэ яхуищIурэ. И гурыфIыгъуэр зыхуиIуэтэн зэригъуэтIар гуапэ щыхъуауэ, адрейм и псалъэхэм щIэлъ ауаныр къыгурымыIауэ, Мусэ абы дежкIэ зигъэзащ:
Уа, Хьэжсет, зэ унихьэркъэ си хадэм, жыг телъыджэ уэзгъэлъагъунщ, – Мусэ ину пыгуфIыкIащ, – зы жыгым мыIэрысэ лъэпкъищ, кхъужь лъэпкъиплI дэзгъэкIащи псом и къапыкIащ. Ар сыт хуэдэу хьэлэмэт: зы къудамэр бырхьэмотщ, етIуанэр – кхъужьIэрысэщ, ещанэр – мыдрэн мыIэрысэщ, еплIанэр – хьэлыуэщ, етхуанэр – щIымахуэщ...
КъыIухьауэ мыбы жиIэм щыму едаIуэ ефэндым зигъэпсчэуIуащ. Мусэ къыщыплъэм:
Джаур дыдэ ухъуащ. Мусэ, уэ. Азалыхьталэм къигъэщIар щIызэхэбуцIапIэр сыт? Гуэныхьщ, пхуэмыгъэвыну гуэныхьышхуэщ ар, Мусэ...
– Уэлэхьи, уи сохъустэхэм пхъэщхьэмыщхьэу язгъэшхам и псапэм игъэвыжыным а зи гугъу пщIы гуэныхьыр, ефэнды...
– Лъаркъэ а джаурым жиIэр. Уэлэхьэ, уи лъапэр щыуагъэлъэщI мыхъун уэ мэжджытым.
– СытхьэгъэпцIщ, узыхуейр сщIэмэ, ефэнды, сыкъэмыкIуэмэ, укъызогъэтхьэкъу, сыкъакIуэми бдэркъым, – Мусэ къэтэджыжри, лIыжьхэр къыкIэлъыплъу мэжджытым къыдэкIыжащ. Вы цIыкIуитIыр щIищIэри Жаныкъуей къуажэбгъум щыщ урыс хьэблэмкIэ иунэтIащ. Апхуэдэт ар сыт щыгъуи – ефэндыр къыщыхьэху, зэгуигъэпыну урыс хьэблэм кIуэрт, кIуэхуи – къетхьэкъурт.
ЛIэным куэд имыIэжу, Мусэ мы сэрэшым къэкIуэрей хъуащ. Гъатхэ вэн-сэнри, къитхъ щIыгъуэри, гъавэ Iухыжыгъуэри мыбы щигъакIуэрт. ВитIымкIэ джабэ нэкIухэр зэхивыхьырт, гъущI яемкIэ мывэхэр къыхитIыкIырт, псынащхьэр игъэкъабзэрт, илъэсищэ зи ныбжь жыгыжьхэр пиупщIурэ къадэмыжыжын папщIэ лъабжьэм мафIэ трищIэжырт, бжьыхьэ къэс куэншыб трикIутэрт. «Алыхьым ещIэ мы сэрэшым Мусэ мураду хуищIар; – ауан ящIырт – ар къуажэдэсхэм, – жылагъуэм къайлыжа вапIэр хуримыкъуу мэзыр егъэкъабзэ. Сыту делэ мыгъуэ, лIэмэ, деур зэращIын, хуаукIын зы былым зэригъэпэщакIэщэрэт, апхуэдиз бэлыть хэмыту». Ауэ езым зыри жраIэртэкъым ящIэрт къазэремыдэIуэнур.
Гъатхэм лIыжьыр узым хиубыдащ. ВакIуэ къихьэжыху кIуэцI уз гуэрым иIыгъар – къарууншэ хъуат. Ауэ, нэхъыфI зэрыхъужу, хьэблэр щIыхьэху лъаIуэ къызэхикIухьащ.
– Сыт дыбгъэщIэнур, Мусэ? – жаIэрэ къеупщIмэ, – хэти иритыр зы жэуапт:
– Сыт-кIэ сыпхуейми, къомыхьэлъэкIмэ; накIуэ.
Ар зыми игъэщIэхъуакъым. ЕтIуанэ махуэм хъэблэм цIыхухъуу дэсыр абы и жыг щIагъым щызэхуэсащ. Езыр зыхуеиххэр арати, и хадэм жыгыщIэу итыр выгум ирилъхьэри жэназыщIым хуэдэу лIы гупышхуэр зыщIигъури сэрэшым кIуахэщ.
– Ей, Мусэ, уи жьыщхьэ сэбэп зыпылъ зыгуэр зыхуэдбгъэщIэн ди гугъати, – къыжраIэмэ, и пащIэкIэ щIэгуфIыкI фIэкIа зы псалъи жиIэртэкъым.
ЩIыхьэхур щIыхьэхущ. ЦIыхухэм я Iэщхьэ-лъащхьэ драхьейри лэжьэн щIадзащ. Хэт мывэхэр къыхишащ, адрейхэм кумб къатIащ. Сытми шэджагъуэм ирихьэлIэу жыг хадэр хасащ. Мусэ и дуней гуфIэгъуэт, мылэжьэн джанэр щатIэгъам хуэдэу. Абы, жыг цIыкIухэр зырызыххэу зэтгаплъыхьыжщ; IэдакъэсэмкIэ япыухъуэнщIыхьыжри: ешауэ, ауэ нэхъ насыпыфIэ щымыIэу псынащхьэм деж щетIысэхащ. ЦIыхухэм ар къаувыхьащ. Мусэ ищIэртэкъым ягукIэ ахэр абы къызэрыщыдыхьэшхыр.
– Сыт мы къомым ущIыхэтыр, Мусэ? – къеупщащ абы щIалэхэм ящыщ зы лIыжьым къехъурджауэ нэхъыжьхэм, заригъэщхьри.
ШкIушкIужу къибыргъукI псынэм Мусэ зыкъомрэ хэплъащ иужкIэ уэздыгъэмэфым хуэдэу нур щIагъуэ къызыщIимыхыж и нитIымкIэ гупыр зэпиплъыхьри и щхьэ хужиIэж щIыкIэу, жиIащ:
– А-а, теурэзыр зыхуэкIуэн, си щхьэ ар зыхухэссар? Сэ ноби пщэдеи... Фэращ, фэ щIалэгъуалэрщ абы къыпыкIэр зышхынур. Сэ сылIэмэ, фи анэмэтщ, фыхуэсакъ. – Абы и псалъэр пичащ, и нэр щIиукъуанцIэри къэкIуэнур и нэгу къыщIигъэхьауэ пищащ: – Дяпэ илъэсипщI-пщыкIутхукIэ сыт хуэдэу щIыпIэ дахэ хъуну мыбдеж! Абы щыгъуэ хэт къэмыкIуэжынрэт мыбы! МыIэрысэм, кхъужьым жыгыр къакъутэу, я лъабжьэр удзыпцIэ лъащIэхуу, псынэ цIыкIури. къибыргъукIыу... Ей-й, и насыпкъэ ар зылъагъунум...
ИхъуреягъкIэ мыбы зы псыIэрыши щежэхкъым. Шууей хъыжьэм и шыр псы щригъафэри, гъуэгурыкIуэ ешам иIу щигъэщIытэри, Iэхъуэхэм я гъуэмылэр щашхри мыбдежырщ. ГъуэгурыкIуэ ешам дэIэбеинщи зы мыIэрысэ ишхынщ, сабийхэм мыбдежыр кIуапIэ ящIынщ... Хэт ищIэрэ; сэри зыгуэрым игу сыкъэкIыжынкIи хъунщ, мыпхуэдэ лIыжь делэ гуэр щыIащ, жиIэу...
И жыг хадэр къэгъэгъауэ имылъагъуу, лIыжьыр дунейм ехыжащ. Ауэ цIыхухэм анэмэту къахуигъэнар ноби сэрэшым дэтщ. Гъэ къэскIи уэс тесам хуэдэу жыгхэр мэгъагъэ, зэрахуэIэткIэ къапокIэ, гъуэгущхьиплIыр щызэхэкIым ирикIуэ псоми абы и жьауэм зыщагъэпсэху, зым зы, адрейм нэгъуэщI зыгуэр щIигъужри Мусэ и псынащхьэм и хъыбарыр яIуатэ.